Къызэт зэман

Мадина Ахматова
Къысхуэтх зыгуэр,
къызже1э псалъэ,
Сыбгъэгузавэу
щэху зумыщ1...
Уэрыншэу дунейр
зэрылъалъэр,
Псэр зэрызэшыр
сымыбзыщ1...

Уи макъым зэ
сыщ1эгъэдэ1у,
Зигъэнщ1ыу гум
уи нэгу сигъаплъэ...
Дэнэ ущы1э?
Сынолъэ1у,
Къызэт зэман,
къэсамэ п1алъэр...