Сыногупсыс

Мадина Ахматова
Зэман куэд блэкIами,
Си гум уимыхуж уэ,
Гъуэгу зэшыгъуэ захуэ
Сызытетыр кIыхьщ.
Укъысхумеями,
СыщIэпсэур уэращ сэ,
СыпщIохъуэпсыр махуэм,
Жэщым сынопщIыхь.

Ежьу:

Сыногупсыс, си гум и щэху,
Псэм и мэкъамэ,
Сыногупсыс, си дуней нэху,
Сыкъэбгъэнами,
Еплъ, сыпхуозэш,
Зэ къысхуэзэж,
Сыножьэ - къакIуэ,
Сызэгъэплъыж,
Мыужьыхыж,
Си гъатхэ закъуэ.

Сыдэплъейм - солъагъур -
Вагъуэ цIыкIухэм уафэм
ЩащI сурэт уи теплъэр,
Сеплъми - зызмыгъэнщI,
Гум къибнащи лъагъуэ,
Лъагъуныгъэ къафэу,
МыкIуэдыж фэеплъу
Сыпсэуху зесхьэнщ.