Сынохъуэхъу, си лъэпкъ

Мадина Ахматова
Си лъэпкъ дахэ, нобэ сыпхуохъуапсэ,
Уузыншэу дунейм утетыну,
Пщымыгъупщэу уи Адыгэ хабзэр,
Уи намысыр лъагэу упсэуну!

ЛъэIу пхузиIэу зыныпхузогъазэ:
"Адыгэбзэр зыIэщIумыгъэху,
ГъащIэм зумыгъэщIыу щхьэуназэ,
Уи пщIэр, уи щхьэр хъумэ, си лъэпкъ нэху!

"Напэр ныбэм нэхърэ
нэхъапэщ" -
Адыгагъэр къыббдэлъхуауэ пхэлъщ,
УнэхъыщIэм,  уи нэхъыжьыр
игъэщ япэ -
Ахэращ дызыщIыр дэ лъэпкъ лъэщ!

Сынохъуэхъу, си лъэпкъ, пщ1эр зыхуэфащэ!
Дуней псом щыджэгу, Адыгэ джэгу!
ГъэщIыращIэ щIыр, Адыгэ фащэ!
ИугъащIэ ди Адыгэ Хэку!