Гугъэ

Абубакир Жемухов
КъуейщIейинкIэ пщIэ къыстемынами,
Иджы ныбжьым хьэкъыу сиубыдащ,
Сабийигъуэм зэи схуэтемыгъазэми,
Си щIалэгъуэм зэ сырикIуэжынт.

КъэскIуа гъуэгур  занщIэу щымытами,
СыщIэщIауэ зэи сыкъэпсэуакъым,
СССР-ым сыхэхуэри и фIыпIэм,
Удын гуауэ гъащIэм сигъэхьакъым.

Ар зи фIыщIэр си япэкIэ псэухэрщ,
Ахэм я фэм сыту куэд дэкIэ,
Хьэлъэу щыIэм ахэр щIэмыуватэм,
Нэр ирищIу дыркъуэ си куэдынт.

Си щхьэ ифI зесхуэну зэман згъуэту,
Си щIалэгъуэр дахэуэ згъэкIуащ,
Сызыхуейуэ хъуар сыIэбэм къасщтэу,
Сымынэпсейу, си ныбжьым сыхэтащ.

ГукъэкIыжхэм дэрэжегъу къызатым,
Сыпсэуарэт ноби жызагъыIэ,
Сыузыншэу си лъэм сызэрихьэм, -
ЩIэкIахэр нэгум, калэмым къезгъэщтэну
            сиIэщ гугъэ!

Сату щIыным, хэмылъэми си насып,
СIыгъыхун къалэмыр сыщхьэхынкъым,
Сэ сесакъым нэгъуэщIым сиплъэуэ и жып,
Тхэным сэ сомыншэ сырихъункъым.

Си щIалэгъуэм зэи сыщIэмыхьэжми,
Уардэу ипэкIэ сыкIуэнщ,
Сыпсалъэну х у и т сищIащи ныбжьым, -
И пщIэр, Тхьэмадэм - къэсIетынщ.
                2020 гъ.