Шапсэдин

Абубакир Жемухов
          1
Ахъшэ зэращI зысщIауэ сымыщIэ,
Зэманыр тхэным изогъэхь,
Абы зыгуэр имыIэм купщIэ -
Жызори зэми: гуитI щхьитI сохъу?

Хьылым Алыхьым къызытамэ,
ПщIэншэ хъун х у е й к ъ ы м си гугъуехьыр,
Дунейр къызэрыхъуэрэ жамыIахэрщ,
Къалэмым нэхъыбэуэ къезгъащтэр.

Си адэм и адэм къыщIэнауэ,
Си сиIэщ Iэлъэныкъуэ пхъэх,
Си абы зэи х у е й сыхъукъым,
СыкIуэорейкъми щIыхьэху.

Япэрэй дунейр зэрыщымыIжрэ,
Илъэс зыбжанэ хъуащ,
Дурдулу жаIэу къахьа властыр, -
Псибл ирагъэкIащ.

Си адэм и адэр псэужатэм,
Сэ дыщэкIэ силэнри хэлът,
Сыкъызэралъхурэ семылIэлIау,
Сэ диныр къэсщтэжащ!?

          2
КъыщIэкIащ захуэу Шапсэдин,
ДымыщIащхьэкIэ ар жыжьаплъэт,
Ар ауэ духьэшыу щытакъым,
"Коммунистхэм къэхъуащ
        я вагъуэр щижа махуэр"?

Тридзэу си адэм и адэм,
Хъусен цIыкIуу, абы деж щищам,
КъригъэщIау щытам КъурIэныр,
Иджы унейуэ диIэнут ефэнды.

ЗэрымыщIагъэкIэ а Iуэхур зэпыуами,
Ди Хъусен жыпиуэ хъуакъым,
И сурэткIэ къыпачауэ ди адэшхуэм ещхьщ,
ПхъащIэ Iэзэми, щIыхьэху кIуэркъым.

Ар ефэнды мыхъуами,
Унэ щIынкIэ - Iэзэщ,
Зэи сомыншэ хъуркъым,
Кхъэм ихьакъэ: жэнэзым мэув.