Си вагъуэр ижакъым

Абубакир Жемухов
          Iэбубэчир Iэбубэчир
Дыгъэр къухьэпIэм нэсами,
Музэм, гугъэм сыхинкъым,
СыщIалэу лей къыстехьами,
ФIыти, си вагъуэр ижакъым...

БлэкIам къэгъазэ имыIэми,
КъэкIуэнум, гукъыдэж
        и меллуанщ,
ХьэтIохъущыкъуэй ипщэм
        сыщыщу,
Зэ махуэ - сымыдзыхэн...

А жылэм, сэ си сабийуэ,
Си чышыр щызгъэхьэмкIащ,
Зэм-зэми къэмышымкIэ сеуэурэ,
ЛъагапIэхэр къасщтэу щытащ.

Зэман ябгэр, ауэрэ кIуэуэрэ,
Хьэдэгъуэдахэу си шыр схъуэжащ,
Иджьы си пщIэгъуалэр дамитIщи,
СемыщIопщауэ сытри къысхуещIэ.

Пегас, "Уэ лIы ухъум сэ шы сыпхуэхъунщ
         зэрижIэрэ.
Дэ тIур, къэгъуэтыгъуейщ дыздэнэмыс,
ФIыгъуэр зыхуищIэным Шыхулъагъуэм
         сызэрихьрэ,
Сыхъуащ сотынш, уэрэдус.

Хьэхыр абы щымыIатэмэ -
          хэт деж сэ себлэгъэнт,
Сэфэрбий япэ лъабакъуэхэр симыгъэщIам,
Си шым и уанэгум куэд щIауэ
          сыкъихуат.

Имычэзууэ щIакIуэ кIапэм къезджэу,
Сэ, зыми зезгъэукIынкъым,
Си шы лъэрыгъым сэ псэу ситыкункIэ,
ФIэкIыпIэ фIэкIауэ, фIэнапIэ зэи
          къэслъыхъуэнкъым.