Жэгъуэгъум

Мадина Гошокова-Джумаева
(ауан)

...Къытебгъэзэжурэ уофыгъуэ,
Зы псапэ ныкъуи п1эщ1эмык1.
Къыщ1эуэу нобик1, уи нэм бжэгъуу,
Нэхулъэр дахэу къысхущ1ок1.

Уижэу, нэгур зэ1упхыфкъым,
Насып къысхэхъуэмэ зы пут.
Къытонэ къупщхьэу уи тэмакъым,
Си шы1эныгъэр уогъэпуд.

Пхузэф1эк1ам, къыстепсэ дыгъэр,
Къыкъуэмык1ыжу бгъэк1уэдынт.
Уещ1 къуенару, си гурыф1ыгъуэу,
Усэбзэу жыс1эмэ уэрэд.

Си жьэгу абгъуэп1эу дыгъэ-щыгъэ,
Зи зэхэлъык1эр пхуэмыгъэк1уэд.
Уи щхъухьхэр Тхьэшхуэм 1уегъэк1уэтри,
Къэрэгъул бжыхьу къысхуолыд.

Уи дыгъи-мази сэ сыщощтэ!
Си пкъынэлынэр–псэщ. Мы гъущ1!
Удыныр гъущэми мэгъущыр,
Уи фэрыщ1агъэм дзыхь хуэзмыщ1.


16.01.2022гъ   
@Гъуэщокъуэ Мадина