Уи гупсысэм сыхэгъэт

Мадина Ахматова
Усщыгъупщэжатэм, тыншт си 1уэхур -
Си пщ1ыхьэп1эм ухэмытыжынт,
Сыномыгупсысыу згъэк1уэнт махуэр ,
Гук1и-псэк1и зызгъэпсэхужынт.

Мы дунейм сеплъынт сыпыгуф1ык1ыу,
И дахагъым зыдезгъэхьэхынт.
Зезгъэсатэм сыпсэун уэрыншыу,
Сэ зэманым зезгъэгъэзэжынт.

Пщэдджыжь къэск1э сыкъэушу жьыуэ,
Дыгъэнурк1э зызгъэщ1эрэщ1энт,
Си уэрэдым бзухэр къыдежьууэ,
Гъащ1э насыпыф1э къэзгъэщ1энт...

Дауэ сщ1ыми, уэ узимыгъусыу
Сыбэуауэ сщ1экъым зы сыхьэт,
Сыпсэунщ ухуэту си гупсысэм,
Сэри уи гупсысэм сыхэгъэт.