Тхьэм сынигъакIуэ

Абубакир Жемухов
Бахъсэныжь архъуанэу иIэр,
Счетым къиздзэу семыплъами,
Си тхьэрыIуэщ и меллану, -
Абы хэту, - сыкъызэлахэри.

ЖызмыIэнри хэлът апхуэдэу,
ЗыхуэщIыхьэхэ щымыIатэм,
Дыщыпсэуам зэхуэдэу уардэу,
СIэщIэкIащ, симыIэбу бетэмал
          я щхьэфэм...

Зэманым хъутэм къебгъэгъазэ,
Ар куэдым уэим ящIынт,
Махуэм кърата нарядым -
Зыщадзыныр щагъэтынт.

Ауэ, ауэ, Бубэ дэнэ къипхыжын,
Абы наряд итыжкъым -
СССР-ри къэсэхэжащ,
Инженерым емыдаIуэу щытахэр -
          жэкъуащ?

Яхуэмыфащэу лейишхуэ
          къызтехьахэм,
Иджы щебёнкэри ядынут,
Ар кърашэкIыну дзыхь кърагъэзатэм,
"Хьэуэ" къыхамыгъэкIыу
          щIы гъунэм яшэнут.

Бубэ делэуэ щытатэм -
Iуэхуншэу уарамым къыдэнат,
Ауэ фIыти ар жыжьаплъэт,
Ичэзууэ, тхэным зыритащ.

Зэгуэр унафэщIу щытар,
ГъащIэм шэрыуэу хоIэбэ,
Абы, уафэмкIэ сюжетхэр
          кърихьэхыркъым.

НатIэкIэ зыIууахэм, игугъу ещIыр,
Апхуэдэ зэрыщыIэр -
КъыжыриIауэ щытащ
          Салихь Гуртуевым,
Гъуэгу зытехьам щIегъуэжу
          темыкIынуи.
Ущиие къритащ.

НэхъыжьыфIым хуэжыIэщIэу -
Бубэ куэдым зырепщыт,
Ар зытетхыхь типажхэр,
Нобэ, псори гъащIэм хэтщ.

Тхэгуэр щыIэм бзэр кIуэдынкъым,
Фи жьэр зыхуэщIыхьэхэм
           къэфтIэщI,
Фэ Iуэхуншэ сэ сыфщIынкъым -
Тхьэм! - сынигъакIуэ
           фи дыуэщI?!