Л1ынэс дамыгъэу Адыгэ Цей!

Мадина Гошокова-Джумаева
Л1ынэс дамыгъэу Адыгэ Цей!
Щыгъыну щы1эм уи бзыпхъэр йоф1эк1!
Биишэр къыплъысу лъы защ1э ухъугъэм,
Хущхъуэр хьэзырхэм къыбдырахьэк1.

Нэхущ дыгъэпсу къуршыщхьэ Цей!
Дамэ пэлъыту щхьэрыпхъуэр уо1эт!
Щабэу тоувэ уи лъахъстэн лъейр,
Зыщыгъым и щхьэр лъагэу е1эт!

Уахуэф1у уащыгъми гъунэгъу лъэпкъэгъухэм
Щыпкъагъэк1э уардэу Адыгэр уо1эт!


24.07.2021гъ