Фузэ рассказ

Абубакир Жемухов
Пщэджыжьым жьыуэ къызэщыури жэщым блэу къэна уэздыгъэр Хьэсет 1эбэри игъэунк1ыф1ыжащ . Адэкъэри 1уэри нэху зэрыщырэ куэд щ1ак1эт. Шэщ1эху машинэмк1э шэ щ1эзыхуу пщэф1ап1эм щ1эс и анэм ныджэбэ гувау укъэк1уэжащ, апхуэдизу дэнэ ущыгувар жи1эрэ упщ1э къритым иджыри жэуап иритынур къигупсысатэкъми п1эм къемыувэхыу зи1эжьэрт. Лэжьап1эми абы ф1эк1ым къык1эрыхунути зимыужьу хъунутэкъым. Пщэдджыжь зыт1у хъау къиублау и анэм жэмыр къыщишк1э дэ1эпыкъути Фузэ и ф1ыщ1эщ нычэдибэ хэжеящ. Хьэсет и анэм зэрысабийрэ пц1ы ***мыупсу есащи , пэжри

  Ф У З Э               
                р а с с к а з
           Пщэджыжьым  жьыуэ  къызэщыури  жэщым  блэу   къэна  уэздыгъэр  Хьэсет  1эбэри   игъэунк1ыф1ыжащ . Адэкъэри
1уэри  нэху  зэрыщырэ  куэд   щ1ак1эт. Шэщ1эху  машинэмк1э  шэ  щ1эзыхуу  пщэф1ап1эм   щ1эс  и  анэм  ныджэбэ  гувау
укъэк1уэжащ,  апхуэдизу  дэнэ   ущыгувар  жи1эрэ  упщ1э  къритым  иджыри  жэуап  иритынур   къигупсысатэкъми  п1эм  къемыувэхыу  зи1эжьэрт. Лэжьап1эми  абы  ф1эк1ым  къык1эрыхунути  зимыужьу   хъунутэкъым. Пщэдджыжь  зыт1у  хъау
къиублау  и  анэм  жэмыр  къыщишк1э  дэ1эпыкъути  Фузэ  и  ф1ыщ1эщ  нычэдибэ  хэжеящ. Хьэсет  и  анэм  зэрысабийрэ пц1ы
***мыупсу  есащи , пэжри  дауэ   жи1эну, мыхъун  гуэр   къыхи1ум  занщ1эу  Хьэсет  и  нэшхуит1ым  къызэрыщ1эплъэу  къищ1э-
нущ. Хьэсет  и  анэр  губзыгъэщ,  я  къуажэ  почтэм  щылэжьэн  ипэ, пэщ1эдзэ  классхэр  иригъаджэу  школым  щылэжьащ. Шэ-
щ1эхуныр  зэриухыу ,  абы  машинэр  зэпкъырихынурэ  итхьэщ1ыжу  щ1идзэнущ. Апщ1эндэху  ар пщэф1ап1эмк1э  щы1энущи
дыгъуэпшыхь ,  зэшэзэп1эу  ф1ыу  илъэгъуа  Фузэ  зэришэжар  жимы1эу,  ауэ  ц1ыхубз  1уэху  хэту  зыгуэр   къыригъэк1ум
  Хьэсети   нэхъ  зызэтриубыдэфынущ,  сеупщ1ати, щ1алэм  жэуапыр  тэмэму  къзитащ  жи1энурэ  анэри  аразынущ.
         Жэщ   к1уам   жьышхуэ  къепщэри  трансформаторнэ  подстанцым  ек1уал1э  1эпэрыжэ  к1апсэхэр  зэтридзэри  школыми,
клубми,  къуажэм  и  зэхуэдит1ри  абы  хэтыжу  сыхьэт  зыбжанэк1э  я  уэздыгъэхэр  блакъым. 1эпэрыжэ  к1апсэм  елэжьхэм,
псынщ1эу  замыужьатэм  нэху  щыхун  уэздыгъэр  къэмыблэжыну щытащ. Ф1ыти  ,,Сельэнергэри''  къуажэм  дэтт ,  дежурнэри
тэмэму  и  лэжьап1эм  щы1эт.Уэздыгъэхэр  щыунк1ыф1ам  Фузэ  мык1уэжау , махуэм  къыхэк1а  ахъшэр  къибжыжу  тхылъ
щищэ  тыкуэным  ижыри  щ1эст. Сабийхэм  я  школ  к1уэжыгъуар  къэсащи,  иджыпсту  тхылъхэр  куэду  ящэхур,  апхуэдэурэ
ек1уэк1тэм  мазэ  планыри  гъэзэщ1а  хъунут. Мазэ   к1уам  ахъшэ  къыхэк1ар  Почтэм   к1уау  щыхилъхьэм ,  школым  къыдеджа
Хьэсет  и  анэ  Гуэщхъан   хуэтхьэусыха  къудейт , базэм  куэду  къриша  тхылъхэр  зэригугъау  зэрамыщэхумк1э. Иджы  ахъшэрхилъхьэну  мазэм   ик1эм   к1уэм  1уэхум  ф1ык1э  зызэридзэк1ар  жыри1эм, ари ,  ещ1э  абы    щыгуф1ык1ынущ. Хьэсет  и  анэ
нащхъуэ  хъужау   ц1ыхбз  дахэщ  ик1и   гуапэщ.  Фузэ  зэрищ1эмк1э,  ар  куэд   щ1ау  Почтэм  щолажьэри  къуажэ  дэсхэр  хуэ-
арэзыщ. Хэт  щ1эмыхьэми  ц1ыхухэм  тэмэму  йопсалъэ. Фузэ  зэрыхъыджэбз   ц1ык1урэ  ец1ыху  Гуэщхъан, абы  и щ1алэ нэ-
хъыжь   Хьэсетрэ  абырэ  щызэдеджэм ,  Почтэмрэ  школымрэ   зэгъуэнэгъути, ауэ  цырхъ  хъыбар  къэ1уам  ар  школым  нэсти,
егъэджак1уэхэм  хуэзэрт. Щ1алэ  ц1ык1у  т1эк1у  мызэран  щы1эт, Хьэсети  адрей  щ1алэц1ык1ухэм  ещхьт,  ит1анэ  гурыхуэти
тхыдэмк1э  езыгъаджэм  урок  къарита  нэужь, дерс  фэстар  занщ1эу хэт  жи1эжыфми  оценкэф1  хуэзгъуувынущ жи1эрэ  клас-
сым  щ1эсхэм  захуигъазэм,  Хьэсет  псом  япэу  и 1эр къи1этти, псоми ягъэщ1агъуэу тху  къихьырти т1ысыжырт. Тхыдэм  ***-джэну  мык1уэу  инженер  1эщ1агъэр  къыщ1ыхихар  Фузэ  къыгуры1уаркъым.
      Бахъсэн  аузым  дыгъаф1эмрэ,  дыгъэмыхъуэмрэ  к1эрыс  жылэшхуэм  ц1ыху  минипщ1ым  щ1игъуу  дэсщ. Районэ  центру
щытати  ари  куэд  щ1акъым  зэрыдахыжрэ. Ар  дахыжа  щхьэк1э  къуажэм  Советскэ  1уэхущ1ап1э  зыбжанэ  дэтщ.  абы  щыла-
жьэ  ц1ыхухэр  теуп1э  ***йщ. Къуажэ  клубым  и  лэжьак1уэхэм  абы  теухуауэ  ялъэк1 къагъанэкъым. Щэбэт  пщыхьэщхьэм
Хьэсет  зыхуэщ1игъыхьэри  къуажэ  клубымк1э  иунэт1ащ,  ар  япэхэм  абык1э  нэхъ  к1уэрейу  щытащ. Унейу  телевизор  къы-
зэращэхурэ  апхуэдэу  я  къуажэгъухэм  яхыхьэрейкъым. Университетым   ущ1эт1ысхьарэ  къуажэм  зэзэмызэф1эк1  укъэмы-
к1уэжым, а зэзэмызэми  уи   къуажэжь  укъыщалъхуам  ц1ыхум   уахэмыхьэм  уащыгъупщэнри  хэлъщ. Абы  хэти  ***й. Илъэс
зыбжанэ  дэк1рэ - дипломыр  къы1эрыхьэм  Хьэсет  инже-
неру   къуажэм   къигъэзэжынущ. Ар  гъущ1ым,  техникэм  ***джэ   щхьэк1э  зыдэлэжьэнур  ц1ыхухэращ. Техникэр  къутэм, епхьэ-
л1энур   къэплъыхъуэ  хъунущ,  е  зыпыудам  деж  зыпыбгъэвэж  хъунущ. Ц1ыхур  аракъым, ахэр  конвейиру  зыщ1ып1э
къыщыщ1агъэк1ыу  аракъым, ахэм  псоми  езым  я  гъащ1э  еплъык1э  я1эщ, уэ  л1ыгъэ  ущи1эр, ахэр  акъылэгъу  къэпщ1ыфы-
мэщ. Хьэсет  зэрысабийрэ  егъэщ1агъуэ  и  адэшхуэм  и  зы1ыгъык1эр. абы  гузэвэгъуэм  дежи,  гуф1эгъуэм  дежи  джак1уэ зэри-
куэдщр. Ар  унэ  ящ1ыу   щ1ыхьэху  зыхэмыта, бжэ-щхьэгъубжэ  зыхуимыщ1а  жэмыхьэтым  дэсу  къыщ1эк1ынукъым. Хулъэ-
к1ыну  зыгуэр  къелъэ1уам  -  дэмы1эпыкъуу    къигъанэркъым. Университетым   егъэджак1уэу  щылажьэ,  Хьэсет  и адэ  къуэш
Умари   абы  ещхь  хъужащ. Дыщэ  медальк1э  абы  школыр  къыышиухам ,  Хьэсет  илъэс  ет1ыуанэр  ирихуэк1ыу  арат.  Умар
университетым  щымылэжьатэм ,  абы  и  нэ  и  1э  къытемытатэм,  Хьэсет  инженеру  еджэну  мык1уэнри  хэлът,  ауэ  удэ  къуэш
нэхъыщ1эм  щыригъаджэу ,  ар  сытым  щхьэк1э  чэнджэщ  къиьынт, конкурсым  пхык1ынрэ  пхымык1ынрэ. Насып  уи1эм  ап-
хуэдэм  деж  зыгуэр   къыпкъуэувэну  уи1энщ.
   Фузэ  школыр  пл1ырэ  тхук1э  къиухат, врач  1эщ1агъэри  къыхихри  и  тхылъхэр  медфакым  иритат  арщхьэк1э  дэнэт,  пл1ит1-
рэ  зыщрэ  къихьау, урысыбзэмк1э  диктантым  т1у  къыхуагъууври-къыпыхуащ. И  адэм  и псэм   ищ1ам  хуэдэу,  школыр  ф1ыу
къэзухащ  жып1эу  абы  умык1уэ  дети. Абы  к1уэхэр, райкомым ,  обкомым, ик1э  къихуау, органхэм  щылажьэхэм  я бынхэрат.
Абы  нэхъейуи , абы  щылажьэ  1эпэрыз Умар  ди  къуажэм  щыщу  щы1эщи  абы  зыхуэзгъэзэнущ,  щыжи1ам,  у1эли-ууди  жери
Фузэ  къытехьэри,  идау  щытакъым. Иджы,  щ1эныгъэ  нэхъыщхьэми  хэк1ыжащ, 1эпэриз  Хьэсети   хъыджэбз  дахэхэм  закъы-
пригъэхыу  къалэм  дэмыту  узи1э ? Школым  щыщ1эсахэм,  уэ  химиер  ф1ыуэ  бощ1эри  къыздэ1эпыкъу  жи1эурэ  Хьэсет  дап-
щэрэ  дэ1эпыкъуа, ит1ани  а  нэшхуит1ымк1э,  Фузэ  ***ту  зэ  и  нэгум  къиплъэу, абы  щэхуу  хуищ1а  лъэгъуныгъэм  и  зы  дзак1э
ц1ык1у  щ1илъэгъуакъым. Уэ  ар  дауэ,  ц1ыхур  умылъагъум  ухуезэшу,  плъэгъуам  узэк1уэк1ыу, уепсалъэнущи  бзагуэ  ухъуу. Ар
апхуэдизу  ф1ыу  имылъэгъуатэм, Фузэ  иджыпсту  дохутыру  еджэнри  хэлът. Апхуэдэу  къэмыхъуау  щытатэм, ар  и  адэм  сыт
ми  пэрыуэрэт. Фузи  хъыджэбз  ц1ык1ужтэкъым, университетым  конкурск1э  зэрыщ1эмыт1ысхьэри  зэхихырт. Ауэ  ''Фузэ  тхьэ-
мыщк1э''абы щыгъуэ  иджыри  гугъэ  гу эр  щы1эт, школым  ф1ыу  щеджак1э, школым  зэрыщ1эсрэ  диктант  итхау  зэи  щы
къыимыхьак1э  мыхъуми  ''кандидату'' пыувэфыну,  ит1анэ  зэрыхъу1эмэ  хъунт, армэми  яшэнутэкъым  нэгъуэщ1тэкъым  зэры-
жа1эу. Апхуэдэу  щыхъуми, и адэм  школым  зы партэм  дэсу  зыдеджа  Умар  нэмыщ1и сыту згуэрым  и  ц1эр  жимы1арэт...
      Клубым   дизелыр  пагъэнэри  кино  еплъыну  къэк1уахэр  билет  иращэри  щ1агъэщ. ''Человек  амфибия''-м  т1э  еплъэти
кином   щ1ыхьэн  1уэху  зырихуакъым.  Зав.клубырати   шахмэт  здэджэгуну  ***яр ,  абы  хуэщ1ыхьэтэкъми,  Хьэсет  ун эм  к1уэ-
жыну  къигъэк1эрахъуэжащ.  Чайнэми  къыпик1ухь  щ1ык1эу  къ ак1уэурэ  тхылъ  щащэ   тыкуэным  къэсри  къэувы1ащ.  Фузэ
фэтджэн   уэздыгъэмбгэдэсу  щыст.  Ар  щ1эмык1уэжын  щхьэусыгъуэ  и1этэкъым,  ауэ  уэздыгъэр   къэк1уэжыным  сожьэ  же
ри  Хьэсет  ежьэу  щыст.  Школым   класс  нэыжьхэм  щеджэм  вечер   ща1ахэм,  Фузэ  къелъъэ1уурэ  зэрэ - т1орэ  игъэк1уэтэжат.
Иджы   уэздыгъэ   щымы1эрэ   пэт  абы  зи1эжьэрт. Хьэсет  кином   щык1уэм   пшапэр  иджыри  зэхэуатэкъми  Фузэ и  ''щ1алэр''
1упщ1эу   илъэгъуат. Фузэ    къомыхьэлъэк1ыу  унэм   сынэгъэсыж  жи1эу  къыщелъэ1ухэм  щыгъуэ ,  1эпэрыжэ  к1апсэхэр  жьым
зэпичатэкъми, уздыгъэхэр  узрамым   щыблэрт , зэк1э  ахэр  блэкъым. Хьэсет   тхылъ  щащэ  тыкуэным   щ1ыхьэм,  ар  Фузэ  и
псэ  лъыхъут ,  щ1эмыхьэу  блэк1ым,  зэпык1ахэт.
 2
Инженер 1эщ1агъэр зэригъэгъуэтын  папщ1э  Хьэсет  иджыри  илъэсищым  щ1игъук1э  еджэн  ***йщ. Абы  иужьыу  аспиранту-
рэр  къыпыувэм,  ари  зэман. Къуажэмк1э  къамыплъэу  къалэм  сыдэсынщ  жи1энути, къуэш  и1экъым,  и  шыпхъуит1ыр  хамэ
унэщ. И  анэшхуэр  мыпсэужми  и  адэшхуэр  хуэпсэущ,  ари  шыкур. Иджыпсту  унэм  мэк1уэжри , я  уэздыгъэхэр блэркъым,  па-пэшхуэ  деж  гъуэлъыжыгъуэ  хъуху  бгъэдэсыну  щ1ыхьэнущи,  жэщыр  хъуам  нэмэзщыгъэр  егъажэри  щысщ. 1эпэрижэ  к1апсэ-
хэр  жьым  зэрызэпичарау  къыщ1эк1ынт,  гъэщ1эгъуэнрати  зыри  т1эк1у  теуну  къуажэ   ''Центрым '' къытехьэтэкъым. Пщхьэ-
щхьэр  хъуам  къуажэм  дэс  щ1алэгъуалэм  аращ  теуп1эу  я1эр. Хьэсет нэхъ  и  ныбжьэгъухэр,  хэт Дзэм  къулыкъу  ещ1эри  щы-
1эщ, хэти  Тырнауз  шахтэм  щылэжьэну  к1уащ. Автолавкэм  ис  шоферхэр  ихъуреягъыр   маршынэ  фар  пгъанахэмк1э  къагъэ-
унэхуу  зыкъагъазэри  гаражым  долъэдэжхэр. Мазэри  къит1ысхьэри  к1ыф1ым  нэхъ  узыпхыплъ  хъуащ. Хьэсет  плъэм  Фузэ
зыщ1эт  тыкуэным   нэху  къаблэр  илъагъурт. Ку эд   щ1ат  ахэр  гъуэнэгъуу  зэрызэхуэмызэхэрэ. Я деж  зыгуэрым  ишэжыну
къэк1уэнущ  Хьэсет  жи1энути , унагъуэ  быным   Фузэщ   нэхъыжьыр. Ар  къыпемыжьэ1эми  езыри , ауэ  ц1ык1у  -фэк1ук1э  шы-
нэну   хъджэбзкъым,  делагъэк1э  зыгуэрым  хуэмейу  ихьыну  къепхъуэми  ф1ы   хихынукъым. Апхуэдэ  лъэпо-щхьэпои  Хьэсет
епл1анэ  классым   щеджэу   къэхъуау   щытау  ещ1эжыр. Емыупщ1ырэ,  емыусэу  абы  щыгъуэ  епхъуэу  яхьа ц1ыхубзри  Фузэ
ещхьыу  1эпсоу-лъэпсот,  ауэ  Хьэсет абыхэми  а  зэманым  сыт  хищ1ык1рэт,  Маржан  къулейсызыр  и  гум  къыщ1инар  ара-
къым ,  ат1э  школым   къыщик1ыжк1э , портфелышхуэр  к1эрыщ1ау ,  урок  нэужьхэми  къэмэжэл1ау ,  продуктовэ  тыкуэн
тхылъхэр  щащэм  къыбгъэдэтым  дед, аф1ык1э  ящэхэм  ''нац1эу''  еплъу  увырти,  модрей  ц1ыху  жумартми  гу  къылъитэрти,
Алыъьым  псапэу  зыритыжын  тхьэмыщк1эм  быченэ,  к1энфетыф1хэм  щыщ  къримытау  къыщ1игъэк1ыжу  щытакъым. Хэтхэ
уарей   уэ  ц1ык1ур ?- жи1эу  къемыупщ1щхьэк1э, Хьэсет  теплъэк1э  и  сурэтк1э  и  анэм  дежк1э  к1уати , а  нэк1у  хъурей  щ1а-
лэжьц1ык1ур  ''Почтэм'' щылажьэ  Гузщхъан  зэрикъуэ  гъэф1эныр  ищ1эу  щытами  хэт  ищ1эн. Жэщым  хуэмейу яхьыу, нэху
къек1а  нэужь ,  абы  Бахъсэныжь  псым  зыхидзэу  зыримыгъэтхьэлэжатэм ,  иджы  Фузэрэ  абырэ  зэгъуэнэгъуу  здэлэжьэнхэри
хэлът. К1энфетхэр  къы1эрыхьа  нэужь ,  Хьэсет  тхылъ  здащэ  тыкуэнми  къыщыщ1эк1эрэхъуаи  щы1эщ. А зэманым  абы  щ1э-
та  тыкуэнтесым ,  Хьэсет  тхылъ   къритау   ищ1эжыркъым ,  ауэ  жы1ау  щыта  псалъэхэр  щыгъупщэкъым. Ари  а  зэманым
хъыджэбз  дэсти  къепхъуэу  зыхьынур  къыхуэмыщ1эу  прилавкэм  дэту  къыщ1эк1ынут. Абы  и  1уэхур  гугъут,  щ1алэ  фызкъэ-
мышэхэр  тыкуэным  щ1ыхьэрейтэкъми. Къызэрыщ1эк1амк1э  абы  мыхъуми  зэзакъуэ  тхылъ  къищэхуну  ***йу  щ1ыхьэну
зыщ1эбэг  щы1эт,  щы1эщхьэк1э  къуажэм  къэк1уэжыретэкъым-а  пхыхун   к1уэм  псори  къызыдэнэ  къалэм  к1уау  универси-
тетым   студентхэр  щригъаджэрт. Хъыджэбз  ямышэ ,  дыщэ  медалк1э  школыр  къэзухам  гъуэнэгъуу  илъэгъуну  зэпсэлъыл1э-
ну  ***йм  зыкъызэригъэщ1эну  амалыр  къыхуэгъуэтыу  къыщ1эк1ынутэкъым. К1энфетыф1  къыхуэмыщэхуми  Хьэсет школым
зыхуей   хьэпшып  гуэрхэр  къищэхуну  а тыкуэным  щыщ1ыхьэ  къэхъут , куэдрэ  зимы1эжьэу  къыщ1эк1ыжт. ,,Сэ  а  ц1ык1ум  и
адэ  къуэш  Умар  сыригъэшэнущ ''  щыжи1ам  прилавкэм  къыдэт  тыкуэнтесыр  щэхуак1уэ  щ1ыхьа  ц1ыхубз  гуэрым  епсалъэу
щытти ,  Хьэсет  1энкун  хъури,  хьэфэ  тегъэк1 псынщ1эу  къищэхури  къыщ1эк1ыжау  щытащ. Ар  зэхэзыхам  и тхьэк1умэм  къи-
1уар  зыщ1ып1и   щигъэхъыбаракъым,  арати  Умар  нэгъуэщ1 хъыджэбз  щхьэгъусэ  хуэхъуащ.
    Хьэсет  Фузэ  деж  щ1эмыхьэнри  хэлът,  къэзыгъэгузавэ  гуэр  щымы1атэм. Абы къыщыщ1ынк1э  хъунур  гъэщ1эгъуэнщ.Па
пэшхуэ  и ныбжьыр  илъэс  пщ1ейрэ  хым  щ1игъуау  ирехуэк1, Тьхьэм  иджыри  куэдрэ  яхуигъэузыншэ. Ауэ. къэмыхъу  щы1э, сэ
си  махуит1  зэхуэдэкъым, къезгъэшэнущ

 3    
   Хьэсет     сакъыпэуэрэ  дэк1уейяп1э  лъагэм  дэк1ьуейри  Фузэ  зыщ1эс  лъэныкъуэмк1э  бжэм  хуэм  ц1ык1уу  теу1уащ.Куэдрэ
емыжьау  бжэр  1ук1ри,  хэт  ар ?  жери  Фузэ  къэпсалъащ. Абы   бжэр  1эк1э  и1ыгъти, ,  бэлэрыгъау    зэры1уигъэзэщ1ык1ам
хущ1егъуэжау  къыщ1эк1ынт-къапщ1эу  анкунт. Бжэм  къеу1уар,   къэсынхуейу  зэжьэ  хъумак1уэратэкъым. Хьэсет  ар  ханщ1эу
къыгуры1уэри : дауэ   ущыт  Фузэ,  Хьэсетщ  ар  жери  жэуап   итыжащ. А-н -н-а,  дэнэ  укъик1а  жери  салам  зэрызрахыным  теу-
***у  нэхумк1э  к1уэтэжащ. Куэд  щ1ау  зэхуэмызахэм,  салам  гуапи  зрахри  зэрызэщ1эупщ1ахи  щы1этэкъым,  хъумак1уэ  л1ы-
жьыр  къыщыысам. Зауэр  къэхъейу  ди  къэралым  нэмыцэхэр  къытемыуатэм- абыхэм  Дзэ  Плъыжьыр   Хьэсетхэ  я  къуажэм
деж  щемызэуатэм, ар Хьэсет  иц1ыхун  ***йят, ауэ  иц1ыхутэкъыми,  мобы зыри  щыжимы1эм  езыми  сыт  жи1энт. Къызэрыщ1эк1ымк1э  ар  л1ыжь  къызэрыгуэк1тэкъым. Зауэм  щыгъуэ  плен  хъури, паращютек1э  жэщу  къуажапщэм  деж къы
щырадзыхыжахэм  яхэтат, нэмыцэбзэр    уэрсэрыжьу  ищ1эрт,  ''диверсантт.'' Ахэр  Хьэсет  къыщищ1ар  Фузэ  и  гъусэу   тротуар  зэвым  тету  я  деж  нэсыхунк1э   щишэжым  щыгъуэщ. Хьэсет  къалъхуу  балигъ  хъухун  а  л1ыжьыр  тутнакъым  иса
уэ  къыщ1эк1ащ,  Хьэсет  университетым  щ1эт1ысъьэну   и  тхылъххэр  щыритам  и  адэ  къуэшым  и  к1эныр  къригъэк1ри,  къуажэм  зэманк1э  дэ1эпхъук1а  хъуащ,  Фузэ  щ1эмыт1ысхьэу,  къэнати  а  1уэхум  зыгъуазэщ.  Аби  тепсэлъыхьхэри,  школым
щеджари   ягу  къагъэк1ыжащ  Хьэсетрэ  Фузэрэ. Хьэсет  студент зэрыхъурэ  и 1уэху  зы1утхэр  нэхъ  тэмэму  зыригъащ1эну ***йт     Фузи,  дауэ  имыщ1ми , абы  и   упщ1эхэм  арэзы   техъуэу  и  жэуапхэ  зэупщ1ым   къриту  къыщыхъутэкъым.  Ахэр  иджыри  еха-
нэ  классым   щеджэхэурат   Фузэ   Хьэсет  гу  щыхуищ1ам. Ари  гъэщ1эгъуэнурэ  къэхъуа  1уэхут. Зэ  переменэм  къыщ1эк1ри
урокым   щ1ыхьэжа  къуэдейхэу,  школым   я  вожатэ  нэхъыжьыр  классный  тхылъымп1э  гуэрхэр  и1ыгъыу  къыщ1ыхьащ.
Ар  я  классым   къэк1уэрейтэкъми,  спорт  сабырахэу  жи1энум  ежэхэу   щытхэт. Пионер   вожатэр  арат  зыхуеихэри,  фи
класс  журналым   спискэмк1э  хэт  ебгъуанэу   щытыр  жери   упщ1э  къаритащ? Псори  зэплъыжхэт. Ебгъуанэу  спискэм  щытыр
Лъапэрыз  Хьэсетт,  сыт  ищ1энт  и  1эр  къи1этащ-сэращ  жыхуи1эу. -Уэрамэ   жи1ащ,  письмо  къыпхуэк1уащ  Донецк   къы-
к1ыуи  ,  мэ  унэм   ук1уэжым  уеджэнщ  жери  къритащ. А письмом  ирищ1ам  Хьэсет  Фузэ  зык1и  щыгъуазэкъым  ауэ , а. махуэм
щыщ1эдзау  Фузэ къыдеджэ  щ1алэ ц1ык1ур  ф1эгъэщ1эгъуэн  хъуащ
   Фузэ  и  лэжьап1эм  пэжыжьэу  псоми,  езыр  мэк1уэф  ик1и  къок1уэжыф,  ауэ  1эпзрыжэ   к1апсэхэр   жьым    щызэпичам,  ар
Хьэсет  къызэригъэк1уэтэжау   щытар   1эф1ыу   и  гум   ***лъынущ. Хьэсет   къапщтэм  щ1элэф1щ,  ар  иджы   къалэм   щоджэри
абы   хъыджэбз   хэдэ  ищ1ми   хъунущ,  Фузэ  хэт  абы  дежк1э,  школым   и  классэгъуу  щыта   къудейу   аращ.  Донецк   щыщ
еханэ  классым   щеджэ   хъыджэбз  ц1ык1ум ,  дызэхуэтхэм,  дызэрыц1ыхум  си   гуапэу  сынотхэри,  щ1алэц1ык1уми,  хъыджэбз  ц1ык1уми  фымыгъэгувэу  фыкъысхуэтхэжыну  сыныволъэ1у   жи1эу,   я  класснэ   Журналым   списэмк1э  ебгъуанэу  итым  пи-
сьмо  къимытхатэм ,  Фузэ  и  нэр  зэрымыщ1эк1э  къимыгъэплъатэм,  Хьэсети   а  зэманым  андрей  щ1алэ  ц1ык1ухэм  хуэдэу
зэраншуу  арат. И  анэ  шыпхъу  Диси  университетым   щыщ1эмыхуак1э  и нэ  къэткъым  и  1э  къэткъым,  игъащ1эм  дэрэбзэру
солажьэри  сыл1акъым  жери  езыр  куэд  щ1ау  щылажьэ  комбинатым   ишэну   кърехуэк1.
   Хьэсет  къэтэджщ  псыщ1ы1эк1э  зэрихабзэу  зитхьэщ1ри ,  зызэф1илъхьа  нэужь , и  анэм  сыту   укъэгува  дыгъуэпшыхь ? жи-
1эм   жыри1энур  ищ1эу   пщэф1ап1эмк1э  к1уащ. Шэ  щ1эху  маршынэр  зэпкърихри    итхьэщ1ар  зэпилъэщ1ыхьыжу   щ1этт  и
анэр  пзщэф1ап1эм.  Цобэк1э  игъэжьа  щ1акхъуэ  хуабэм  и мэ 1эф1ыр  Хьэсет  къы1урыуэри  зэу  и  гуры1упсхэр  къэжащ,
щынэхъ  ц1ык1уар  и  гум  къигъэк1ыжу.
         
Абы  адэ  щысабийяр  и  гум  къигъэк1ыжт. Абы  щыгъуэ  иджыри  я  унэщ1эр
ящ1атэкъми пэшхьэкур  зыщ1эт  унэм  унагъуэр  жэщк1э  щыжейрт. Я  пэшым  щ1эт пэшхьэку  ц1ык1ум  цобэ  хэтти,  Хьэсет  и
анэр, пщэдджыжьым   жьыуэ  къэтэджт, абы  яжьэ  илъыр  кърихт,  щ1эрыщ1эу  маф1э  ирищ1эрт,  пхъэр  гургургуу  зэщ1эста
нэужь  ф1эмыщ1  трик1утэрти , хупц1ынэ   ипщу  къэтэджар  иригъуувэрти ,  сабийхэр  школым  зэрык1уэну  щыгъынхэр  яхуигъэ-
хьэзырыху , бахъэр   къыщхьэщихыу  щ1акхъуэр  хьэзыр  и  ищ1ырти,  т1эк1уи  щ1эупщ1ы1уау  1эф1ыу  яшхырти  ун эм  щ1эсхэр
зэбгырык1ырт. Ар  и  анэм  тебэк1э   игъэжа  щ1акхъуэ  хуабэ  кхъуей  щ1эмыхум  дишхыр  мыхъуатэм  Хьэсет  и  гум  къэк1ыжы-
ну  къыщ1э1ынтэкъым.  Езым   зыри  жимы1эщхьэ  и  анэм  и  упщ1эр   хьэзырти , уэздыгъэхэри  блакъым, гувауи  укъэк1уэжащ
щыжи1эм,  зыкъом   щ1ау  къахуимышэу  ищхъэрэ  къуажэ  щыщ,   си  ныбжьэгъу  гуэрым  и  унэидзыхьэм  сыхэтащ  щыжи1эм
и  анэм   сыт  жи1эжынт  папэшхуэм  и нэмэзыр  тэмэму  иригъэщ1ыну  абы  и  тас  къубгъаным  яужь  ихьащ. И  анэр  ку эд  щ1ау
къуажэм  щолажьэри , нэхъыбэр  ец1ыху ,  хэмэкъуажэм  щы1ау  жимы1атэм,  хэт ей къэфхьар,  хэт  къызыхуэфхьар  жи1эу, 1уэ-
хур  к1ыхь   хъунри  хэлът.  Ажалыр  увы1эрэ  пэпэшхуэ  сыпсэу  щ1ык1э  Хьэсет  къезгъэшэнущ  жи1эм,  хьэзыру  зыри  си1этэ-къми ,  къыздеджа  Фузэ  сы1ущ1ащ  жи1эу  дауэт  зэрижи1энур.  Псори  Алыхьым  и  унафэщ   къэмыхъу1эу  адк1э  еджэм,  уни-
верситетым  деж  ''Пятачокыр'' къуажэ ''Центрыракъым''  хъыджэбз   дахэ  куэд  къытохьэ  Хьэсет  и  щхьэр  псэум  абы  зыгуэр
къахиудынщ.
Псори  Алыхьым  и  унафэщ   къэмыхъу1эу  адк1э  еджэм,  университетым  деж  ''Пятачокыр'' къуажэ ''Центрыракъым''  хъыджэбз   дахэ  куэд  къытохьэ  Хьэсет  и  щхьэр  псэум  абы  зыгуэр къахиудынщ,  Агрономхэмрэ,  зоотехникхэмрэ  псори  зэ-
рамыпхъуэм. Инженер  1эщ1агъэмрэ  чертеж  щ1ынымрэ  быдэу  зэпхащ,  абы  ухуэджэу  урилэжьэну  ухуемэ, зыгуэрхэм  зыхуэбгъэныкъуэфу,   зыхэбгъэныфу  ущытын  ***йщ. Хьэфэ  тегъэк1ымрэ,  къэрандащымрэ  п1ыгъыу  уи  чертежыр  уэ  езым
умыщ1ыжым ,  къак1уэу  уэ  зыми   пхуищ1ынукъым. Гъэщ1эгъуэныращи  инженерхэр  здагъэхьэзыр  механизацэм  щеджэхэри
агрономхэри, зоотехникхэри  ветврачыу  еджэхэри  абы  хэтыжу   зы  общежитие  щ1эсхэщи,  агроному ,  зоотехнику,  ветврачу
еджэхэм  я  курсовойхэр  хьэзыр   щащ1ам  деж ,  мохэр   къелъэ1уау  нэхъ  зэман  змы1э  инженерхэм  хьэуэ  къыхамыгъэк1ыу
куэдрэ  къуохъур я  1эдакъэщ1эк1хэм  ину  зэрыбк1э  я  ц1э  унэц1эр,  щеджэ  курсыр ,  группэр  щыхуэтратхэ. Абы  щ1элэф1  ири-хъуау  Хьэсет  зэк1э  къуок1уэк1. Къызэрыщ1эк1ымк1э  ''Пятачокым'' деж  умык1уэу ,  езы   хъыджэбз  дахэхэр  уи  деж  къак1уэу
хэ щ !?  Зэ  апхуэдэу  Хьэсет  сопроматымк1э  эпюрхэр  ищ1ыу  здэщысым ,  бжэм  зыгуэр  къытеу1уати,  хуэмурэ къэтэджрэ  бжэр
1уихым  платформэ  туфлъэхэм  тету  хъыджэбз  тхьэ1ухудит1  щытт. Ахэр  общежитием  щ1стэкъым ,  я гъуэнэгъуу  щыт пед
училищэрат  щеджэхэри, и  уасэри  уэттынщ   жа1ти, и  уасэри  къа1ырихакъым,  яхуэтритхэри  махуит1 дэк1ау  къак1уэри  дахэу
гъэщ1рэщ1ау  тетхау  я  лэжьыгъэхэр  къащтэжащ. Ахэр  т1ури  дахэт,  ауэ  Хьэсет  и  нэшхуит1ым  1эсиятыр  нэхъ  къыф1энащ.
Хьэсет, 1эсият. Зыгуэрк1э  зэщхьхэщ.
                к о н е ц