НэхъыфIатэкъэ

Абубакир Жемухов
Нэхъу - нэхъуу сыноплъыну,
Зэзакъуэ къысхуихуати,
Сыпсэуху си гум уимыхуну,
УкъыщIэнащ си нэгум?!

А пщыхьэщхьэм таучэл сщIыуэ,
Уэ ауэ сыпIущIатэкъым,
ПхуэсщIати мурадышхуэ,
Ар, къэсщIыну арт сатей?!

А Iэгъуэблагъуэм щызэблэкI цIыхухэм,
Куэдым гу зыхуащIырт,
Сыт ялажьэт тIэ студентхэм -
Дунейр апхуэдэу щытым...

ДыщыхьэщIэ Iэнэм, зэрымыщIэкIэ,
Щызэхэсхар мыхъуатэм,
ДызэрыIыгъыу "Танго" дыкъыщыфэм,
Уэ, зыкъозгъэщIат.

Си гур ху иту зэIухауэ -
Сынопсэлъатэм сигу пэщыху,
УкъыдэсхьэхынутэкIэ - си тхьэлъанэт.

Зэгуэр апхуэдэу си адэшхуэр,
ХьэгъуэлIыгъуэ кIуауэ,
Къыздэуджауэ щыта пщащэр,
Нобэ сэ си нанэщ.

Къулейэ зыкъэсхуэпау,
"Пятачокым" сыщытетахэм,
Уэ, щIалэ пщIыгъурейуэ,
Сэ зэи слъэгъуэ сщIэжкъым.

Ар ищIэрт дау ди дэлэлым,
Сэ къысщибзыщIами,
"Удэмыхьэ цIыхуитIым якум" - кхызжиIамэ,
Уи дежкIи, си дежкIи нэхъыфIатэкъэ.

Дапхуэдэу, общежитием дыхэIуами,
Уи щIалэм фIы зыкъыхуишэж,
Абырэ сэрэ еджэныр къэдухым,
ЩIэныгъэлI дыхъуауэ -
     дгъэзэжынущ зы жылэжь.

Гум уIэгъэ телъыр мастэкIэ ядыжтэм,
Сэ, тездзэнурэ, зэу абы деж сыкIуэнут,
Мыр сыт щIалэ, уэ пхуэдэ псэукъым жиIэм,
Гъуэгу къызэрызимытар: адыгагъэ
     си лъым хэтым - хуэсIуэтэнут.

Дэлэл хуэмыхум нэмыщIамэ,
Зэи дызэIумыщIэнри хэлът,
Си щхьэр лъагэу Iэтау
     сыкъыбдэфащи "Танго",
Ар сщыгъупщэнукъым сыпсэу
     мы дунейшихуэм сытетыхун.

ФIыгъуэ зыхуищIэныр, укъисхуэмыщхыдэ,
А щIымахуэ жэщым - унэм нэс усшэжами хъунут,
Тхьэр уи фIэщ хъумэ:
Сышынащ, ныбжь къыптрезгъэдзэнкIэ.

Иджипсту щыIэ щауэхэр,
Псори сэщхьыуэ жыжьаплъэ хъункъым,
Ауэ сэ сыкъэзылъхуахэм,
Я зэран нэгъуэщIхэм ирагъэкI я хабзэкъым.

СызыIууам си анэр щыгъуэзатэм,
"Еуей си щIалэ" - жиIэнри хэлът,
Бахъсэн псыхъуэр кIэщIми-кIыхьми,
Дэскъым абы нэхъ унэгуащэ дахэ.

СитщIыкIэ шэфэлым -
Абы къысхуэщIиIукIам сепхъуэн жызоIэ,
Зэкъуэшбынхэм сэращи я нъхъыжьыр,
Зы мащIэ хъунукъым зысIэжьэ.

Си адэшхуэм и фокIэщIыр -
Узэда хьэзырщ,
Сэ къэсхьауэ зэрызэхихыу,
Хьэрэкхъуэрэ къигъэпсалъэу - игъуэнущ.

Кадет-большевикым и зэманым,
Ар Совет властым
                пэмыуварэт,
Си Iуэхур - темэм сщIыфыну,
Бетамал! - абы сыкъилъэхьащ.