Псэущхьэхэр

Мадина Гошокова-Джумаева
ЖЬЫНДУ

Тесщ жыгыщхьэм, зигъэпагэу,
Мэз жьындур, къоплъыхри лъагэу.
Мазэр къыкъуэк1ыху ар поплъэ,
Дзыгъуэ зежэхэм къахоплъэ.

БЭДЖ

И бэджыхъхэр зэблидзауэ,
Бэджыр йощэ, хъы идзауэ.
Бзаджэ щэхум, зигъэплъызэу,
Къы1эрыхьэр зэщ1екъузэ.

ДЗЫГЪУЭ

Ц1ык1унит1эу зы лъэмык1ми,
Т1эк1унит1и дамыгъэк1ыу,
Яшхыжыф дзыгъуищэм 1ыхьэр,
Кхъуей чейщхьэр къа1эрыхьэм.

(дзыгъуищэм чейщхьэр трач-псалъэжь)

ТХЬЭК1УМЭК1ЫХЬ

И фэ ц1ык1ур - фэ щэбащэщ,
Хадэ ц1ык1ум щопэщащэ.
Пхъым едзэгъуу дзапэ к1ыхьщ,
Шынэуз тхьэк1умэк1ыхьщ!

УЭРЭДБЗУ - соловей

Уэрэдбзухэр къэушауэ,
Я бзэ 1эф1ыр къытхураш.
Ди унащхьэм тет1ысхьауэ,
Дыгъэ бзийхэр къытхуагуэш.

БАБЫЩ ШЫР Ц1ЫК1УХЭР

Ди хадэ ц1ык1ум
Хэпхъащ къэрабэ -
Бабыщ гъуэжь ц1ык1ухэр
Удзыпц1эм хэзщ.
К1апсэлъэрышэу,
Хуэдэу къэдабэм,
Псыныбэ шырхэр
Хьэкхъуафэм 1узщ.

ХЬЭНДЫРКЪУАКЪУЭ

Хьэндыркъуакъуэ,
Хьэндыркъуакъуэ,
Укъыдоплъыр
Пхъэ дыкъуакъуэм.
Лъагэу уопк1э -
Удолъей,
Ят1эпс псыхъуэр пф1эф1щ- уэуейщ.

ШЫНДЫРХЪУОУ

КIэр пегъэхури йопкIэж и гъуэм,
Шындырхъуоухэр гъэщIэгъуэнщ.
Улъэ1эсмэ - къыпхуегъанэ,
Къыпок1эжыр - сыт пыплъхьэн?!

Щыгужьейк1э и к1эр ф1эхуми,
Къыте1ук1ыркъым зы макъ.
Хьэпщхупщ ц1ык1ум псэр ф1э1эф1щи,
Ц1ык1ухэ, губгъуэм фыщысакъ!

30.01.2024гъ
Гъуэщокъуэ Мадина