Егъэджак1уэ! Ди гугъап1э!
Жумарт анэ! Чэнджэщэгъу!
Щыпкъэ гуапэу егъэбжьыф1э
Щ1эныгъэф1хэр!
Ди ныбжьэгъущ!
Егъэджэныр и 1эщ1агъэу,
Тхьэм и л1ык1уэщ! Псэр допсэху!
Бэм и телъхьэу, 1эпщэ дыгъэу,
Пщэдей махуэр къегъэнэху.
Жыпыр нэщ1ми и псэр изу,
Ныбжьэгъу ц1ык1ухэм яхуохъуф.
Зэхэзежэр и гум техуэу,
Тэмакъ к1ыхьыу яхуотыф.
Ар мык1ийуэ, ар къимылъу,
Махуэ уэф1уу и бзэр 1эф1щ.
Блэр и гъуэмбым къырешыфыр,
Нэхущ вагъуэр егъэблэф.
Ущияк1уэщ! Дыщыгъуазэщ-
Щ1эблэр гъуэгум трешэф.
Гъуазэ псоми ху*игъэгъуазэу,
Пщэдей махуэм ху*егъэпсыф.
Анэ п1алъэ! Егъэджак1уэ!
Ди гугъап1э! Чэнджэщэгъу!
Щ1эныгъэф1хэр тхуегъэлъап1э-
Ар ди плъап1эщ! Ныбжьэгъу пэжщ!
03.02.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина