У лукоморья дуб зелёный... Перевод М. Ю. Лермонтов

Мадина Гошокова-Джумаева
Перевод М.Ю. Лермонтова
У лукоморья дуб зелёный...на черкесском- адыгэбзэк1э

Хы 1уфэм 1утщ жыгей щхъуант1эшхуэ;
Ф1эдзащ абы дыщэ лэрыпс:
Къеущыхь лэрыпсым, еджагъэшхуэу
Джэду, 1эзэгъуэр зи дыгъэпс;

И махуи - жэщи изэхуэдэу,
Къыхедзэ, ижьк1э к1уэм - уэрэдыр.
Сэмэгук1э к1уэм – хъыбархэр щ1едзэ,
Джэду еджам таурыхъ  къытхедзэ;

Тесщ, зыкъришу, псыхъуэ пщащэр,
Жыг къудамэшхуэм зигъэгуащэу;
Гъуэгу зэхэмыбзхэр зи зек1уап1эу,
Псэущхьэ зэмыфэгъу лъэкъуамп1эщ;

Унэжь фейцейр джэд лъакъуэм тету -
Щхьэгъубжи-бжэи зы хэмыту;
Уафэгури, тафэри телъыджэу;
Уолъагъур алмэсты щ1эпхъаджэу;

Мэз псыхъуэм куэдым урехьэл1э:
Таурыхъ гъуэгуанэхэр къок1уал1э.
Халъагъуэ, щеплък1э, пшэм, мэзыжьым -
Пелуаныр ипхъуэтащ удыжьым;

Тенджыз толъкъуныр бгым щеуал1эм,
Нэху щыгъуэм, зауэл1 щэщ1 къуок1уал1э.
Тенджыз гъэсак1уэр унафэщ1у -
Зэкъуэш-зэкъуэтхэр уардэу - щэщ1у;

Мыбдеж, хъаныкъуэм инщ и щ1ыхьыр,
Ф1эм1уэхуу ещ1ыр гъэр пащтыхьыр;
Щ1ыщ1агъым нэжьгъущ1ыдзэр щ1эсщ,
И жьэныр къик1ми дыщэм гуэсщ;

Гухъу матэм исщи Фыз Удыжьыр,
Езыр-езыру зэхызок1уэ;
Пщым и пхъум, морэу, мэз дыгъужьыр,
Хуэпщыл1у, хьэпсэм гъащ1эр ф1ок1уэ;

Мыр сыт телъыджъэ, сыт гъуэзэджэ?!
Дэхащэщ лъахэр, гъунапкъэншэщ!
Гъуэгу нэпц1хэр хуэдэщ хы къуэладжэм,
Псысэ гъэнщ1ами, чэнджэщыншэщ-

Щызэхыбощ1э урысыпсэр...
Гъэнщ1ащ, пкъырытщ арысеимэр!
Жыгей таурыхъыр си нэ-си псэу;
Фоупс сефащ сыхэту псысэм;

Джэду еджам и хъыбарыф1хэм,
Си щ1асэу куэдрэ седэ1уащ!..

Сф1э1эф1у, т1эк1уи сепщ1ыхьащ!..

17.02.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина