Поэма Рассказ казака Хасан Аллало

Мадина Гошокова-Джумаева
Перевод М.Х.Гошоковой

Тенджыз хы ф1ыц1эр зи щ1ыналъэу,
Къэзакъ жылэгъуэм и гъунэгъуу,
Мэзк1апэм, адэр и къуэм щ1ыгъуу,
Мамыру щыст, щ1ыуэпсым хэплъэу.

Къалмыкъ щхьэцтхъуа къэзакъ адэжьым,
И нэгум мащ1экъым щ1эк1ар.
Зэхуэфэщэжми - пагэу и къуэр,
Щ1алэм хищ1ык1къым  куэд блэк1ам.

Ауэ ящ1эж щ1ылъэ гукъуэпсхэм,
Хэт хьэщ1э, хэт и хэгъэрей,
Хэт щытхъухэхуагъэр и лэрыпсу,
Къупщхьэ хуэхъуа бий къурмэкъейм!

Вагъуэ пщык1ут1у шэрджэс лъэпкъхэр
Иралъхухьащ Кавказ и щыгу!
Адыгэ фащэр хамэ лъэпкъхэм,
Я щапхъэ - бзыпхъэу тетщ и щ1ыгу...

Лъапсэрых зауэр и нэгу щ1этщи,
Ещ1эж къэзакъым-къимык1уэтт
Адыгэр! Адыгэлъыр хэтщи!
Ху*итащ и гъащ1эр – Хэку-анэгут!

Щ1ыуэпсым хэплъэу, тутын 1угъуэр,
Нэщхъейуэ адэм ирешэх.
Гу лъетэ и къуэ гумызагъэм,
Хуоп1ащ1э 1уэхум щ1эупщ1эху...

- Щхьэ унэщхъей, ди адэ лъап1э?..
Гукъыдэжыншэ щхьэ ухъуа?..
Гукъеуэ сыт щыхъуар уи плъэк1эм,
Гупсысэ хьэлъэ сыт пхуэхъуар?

Жэуап къетыж къэзакъ адэжьым,-
"Сигу къэк1ыжащ щ1алэщ1э гуэр,-
Хуэм ц1ык1уу пещэ гукъэк1ыжыр,-
Схуэхъуат нэ1уасэ ар зэгуэр"...

Абы и л1ыгъэр хуэдэт дыгъэм,
Бгырыст, хэкупсэ хабзэу псэут.
И лъагъуныгъэу, и псэр тыгъэ,
И Хэкум ху*ищ1т! Мамыру псэут!

- Л1ыхъужьу хуэдэщ, тхылъ ща1уатэм!..
Ди адэ, щ1алэр хэт и лъэпкъ?
- Сэ сы-«Адыгэщ», жи1эт лъэпкък1э…
«Шэрджэс»-к1э седжэт, жыр 1эпкълъэпкът…

- Сощ1эж шэрджэсхэм сэ хужа1эу,
Куэд хэк1уэдащ, зэрахьэу лей:
"Щхьэф1эбз-бзэджащ1эщ", щысхь зымыщ1эу,
"Хъунщ1ак1уэщ", "хьэк1экхъуэк1э гуейщ".

Абыхэм, ди адэ, нэпц1щ я гугъэр,
Къэзакъхэрщ ябгэу зыдзыр л1ыгъэ,
Ящ1ыф Шэрджэсыр гъэр,.. адэж,
Жэнэт Кавказыр?.. Щ1ым и щ1ыжщ!..-

Нэгу бдзапц1э плъэк1э ещ1ыр адэм:
- Кавказым хужомы1э ар!
Къызэт1ысыл1э, щ1алэ, мыдэ,
Сэ пхуэс1уэтэнщ зэрек1уэк1ар...

Зэгъащ1э мыр: Кавказ щ1ыналъэм,
Ху*итакъым монарх Урысейр,
Абы ху*итакъым тырку Сулът1анри,
Зэгуэр ху*итакъым журт нэпсейр!

Тригъэбыдэжу жьант1э жьэгум
Пэщтыхьым щещ1 унафэ гуей:
-Зы1эрыдгъэхьэну тенджыз нэпкъыр,
Гъуэгу пхырытшыну шапсыгъ куейм!-

Дагъак1уэт... хэдутэну лъэпкъыр,
Сщыгъупщэжынкъым гуауэр зэй-
Дзэ-хьэ1уцыдзу лъы дгъэжэну.
Хы ф1ыц1э тафэр мэхъу нэщхъей.

Топышэ макъым, гущ1эгъуншэу,
Псыкъелъэм, къуршхэм я псэр хех...
Адыгэ щ1ылъэм, хьэдагъэншэу,
Гъыбзэшхуэ 1этэр щызэблех.

Вэн-сэн пхъэ1эщэр 1уагъэк1уэтти,
Шэпсыгъхэм къамэр къралъэфт.
Л1эщ1ыгъуэк1э яфыщ1т, яук1ти,
Адыгэр гу1эу Тхьэ елъэ1ут!

Къыщыхъуи щы1эт бийм хуэпхъэру,
Щелъэдэкъауэ и шагъдийм…
Быдап1эм зыщагъэпщк1ут джауру-
Къэзакъ псэдыгъухэм... загъэдийт.

К1уэт гъэхэр, сф1эщ1т мыувы1эну
Лъапсэрых зауэр! Тедук1эжт
Я щ1ылъэм, гу1эжа адыгэр!
Ц1ыхугъэ лъэпкъи щымы1эжт!

Сы-пащтыхь телъхьэщ, къэзакъыпсэщ,
Зауэ архъуанэ куэд сылъэгъуащ.
Ауэ, бжес1энщ, адыгэм хуэдэу,
ЗЫ пэрыуэгъу къытхуэмыхъуа.

Зэгуэрым сэлэт миныр, жыжьэ,
Гуп-гупу дык1уэт. Лъагъуэр зэвт.
Шапсыгъ шуудзэ къытпожажьэ,
Ящ1ауэ ху*итыныгъэр псэгъу.

Кърагъэц1эфт я джатэ ц1уухэр,
Шабзэшэм пхешыр гъыбзэ макъ…
Ажалым удж ди лъэгум щещ1ыр,
Къыпыжу лъыпсыр, щ1ыгур магъ!

Бэлыхь, хьэзаб, гугъуехь, щэ1у макъхэр…
Аузым хьэдэ дэзу дэлъщ…
Зэхэупщ1этауэ щылъщ къэзакъхэр,
Мэгыз, къапыжу лъыпсым хэлъщ!

Селъэ1ут си Тхьэшхуэм. Уей, си гъащ1эр,
Къысщыхъут а махуэм с1эщ1эк1а...
Хьэдэлъэмыжу адыгэщ1ым,
Зэхэлът къэзакъыу зэтраук1ар.

Гууз у1эгъэу стелъым нап1эр,
Щигъэуф1ыц1ык1ыу, сымэхащ.
Арауэ хъунт, а нэп1эзып1эм
Ажалым сэ сыкъезыгъэлар...

Сыт-дауэ хъуами сщ1эжкъым адэк1э...
Псысэ зэхАлъхьэм хуэдэ хъуащ:
Махуэ зы-т1у блэк1а нэужьк1э,
Адыгэ жьэгу зыкъыщысщ1эжащ.

Сыхэлът п1э къабзэм къыск1элъыплъу...
Зы саби, ф1эи ск1эрымылът…
Зэхэпхыхьат у1эгъэу стелъыр,
Лъы къыпхивык1ым хущхъуэ телът.

Пащтыхь къулыкъум, лъэпкъым папщIэ,
Сэ сызэфIэтт, къикIуэт сымыщIэу,
Иджы… адыгэм псы къысхуехьыр,
Сыхэлъщ, у1эгъэм напэр сытрехыр!..

- Къызжы1эт! Сыт сыщ1омыгъАл1эр,
Шэрджэсым илъ ищ1эж и хабзэщ?!
Сыт уи мурад?.. Сыт сэ си п1алъэр?.. –
- Емык1ущ ар!  Щ1ыхькъым! - къо1ур жьабзэ!..

Къэзакъ, уи гупыр зэтетхьэжэу,
Зэхэуэ гуащ1эр щыужьыхАм,
Шапсыгъыу хэк1уэдар щ1этлъхьэжу,
Уэ уи псэр п1уту гу плъыстащ…

Ауэ 1эщэншэр зэи сыук1къым-
Ц1ыхугъэм хабжэкъым зэгуэр,
Зэпкъырыпчыну зи псэ еджэр,
Щытынк1э ху*итщ уи бийуэ ар!

Схуэпэжщ си лъэпкъым! Хэкур си псэщ!
Нэхъ лъап1и щы1экъым нэгъуэщ1.
Ауэ, и1эжщ л1ыхъужьым хабзэ,
Адэжь щ1эинхэм пщ1э худощ1…-

Бгырыс жэуапыр сгъэщ1эгъуащ,
Зыщ1эжым илъ и1эжщ зы хабзэ,
Ауэ нэгъуэщ1и къызгуры1уащ,
И1эжщ нэмыси л1ыхъужь хабзэм!..

Шэрджэсым сэ сигъэхъужащ,
Сытеувэжащ куэд мыщ1эу си лъэ,
Шхын, къамэ, шыщ1и къызитащ,
Сиут1ыпщыжащ сщалъхуа щ1ыналъэм…

Пащтыхьыр тек1уэныгъэ ху*ейт,
Хы ф1ыц1эм ху*ейт и тепщэныгъэм.
Егъэп1ейтей! Хэ1уащ дунейм,
Шэрджэс л1ыхъужьхэм я ц1ыхугъэр!

Лъапсэрых зауэр бэяужащ,
Кавказыр хэку хуэхъуащ къэзакъым.
Си щ1алэ, уэри укъэхъуащ,
Ди Тхьэшхуэм зы хузиф1ыщ1акъым…

Хъужащ хы 1уфэр, мэзхэр щым,
Ауэ къытхуа1эщ зы гукъанэ -
Урыс топышэм иук1ащ,
Шапсыгъ щ1алэщ1эр, джатэ пц1анэу.

Аращ, си щ1алэ, ди блэк1ар,
Кавказыр умыгъэпуд уп1ащ1эу.               
Щхьэху*итыныгъэм лъэпкъ щ1экъуар,
Щхьэф1эбз - бзэджащ1экъым, зэгъащ1э!

Щытащ а зауэм лъапсэрыхыу,
Къэзакъ хъунщ1ак1уэр! Джаурыгут!
Адыгэм икъук1э къабзэщ и лъыр! 
И л1ыхъужьыгъэр щ1этщ си нэгу!


02.04.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадина